Решаем вместе
Не убран мусор, яма на дороге, не горит фонарь? Столкнулись с проблемой — сообщите о ней!
Приветствую Вас, Гость! Регистрация RSS

Али-Бердуковское сельское поселение

Четверг, 14.11.2024
Главная » 2015 » Октябрь » 28 » ЦIыху угъурлыуэ псэуащ
16:08
ЦIыху угъурлыуэ псэуащ

ЦIыху гъащIэр узэрыхуейуэ кIыхь мыхъуми, ар мыужьыхыжу пызыщэр щIым къытенэ гукъэкIыжращ, фэеплъращ, Iуэху махуэхэращ. ЩIэблэхэм зэIэпахыу, гъащIэр дяпэкIэ зыгъэкIуатэ Iущагъэщ, гуащIагъэщ, ущиерэ чэнджэщрэщ дунейр зэтезыIыгъэр. Апхуэдэ фэеплъымрэ зэпыщIэныгъэмрэ щыIэху, псэунущ цIыхугъэри, зэхэтыкIэ узыншэри, лъэпкъри, Хэкури.

Апхуэдэ зы щапхъэщ иджыблагъэ Али-Бэрдыкъуэ къуажэм щекIуэкIар. Илъэси 10-кIэ узэIэбэкIыжмэ дунейм ехыжа, псэужамэ мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 81 ирикъун хуея дохутыр, усакIуэ, тхакIуэ Жантемыр Лэкъумэн и фэеплъыр здагъэлъэпIа пшыхь екIуэкIащ. Пшыхьым къекIуэлIащ Али-Бэрдыкъуэ къуажэм и Iэтащхьэ Иуан Руслан, КъЧР-м и клиническэ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэм и къуэдзэ Жантемыр Борис, нэгъуэщI хьэщIэхэр, къызэхуэсащ Лэкъумэн и цIыхугъэу щытахэр, Iыхьлыхэр, къуажэдэсхэр. Къуажэм и щэнхабзэ Унэм  мы махуэм щIырыщIэу къыщытрагъэзэжащ Лэкъумэн ехьэлIа гукъэкIыжхэр, абы и фэеплъ лъэужьым иджыри зэ ирикIуэжащ.

ФIыщIэрэ пщIэрэ зыпыщIа гъуэгуанэ къикIуащ Лэкъумэн. И гъащIэр медицинэ IэщIагъэм триухуэри, цIыхухэм я узыншагъэм хуэлажьэу гуащIэ IыхьэфI игъэтIылъащ. Медицинэ институтыр къиуха и ужь, 1962 гъэм Совет армэм къулыкъу щищIэну дашащ. 1968 гъэм медицинэ къулыкъум и капитан цIэр къыфIащащри, авиацие полкым и дэIэпыкъуэгъу псынщIэ гупым и унафэщIу щытащ.

Лэкъумэн хэплъэн хущIыхьащ зауэ Iыхьи. А зэманым Китайм и Iэгъуэблагъэм къыщыхъея зэхэуэм хэтын къыхудэхуащ, уIэгъи къащIри, къызыщалъхуа и Хэкум демобилизацэкIэ къагъэкIуэжащ. 1972 гъэ пщIонди Хьэбэз район сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэм и къуэдзэу лэжьащ.

Иужьым Черкесск къалэм и е 1-нэ поликлинникэм ортопед-травмотологыу лэжьащ, хирургие къудамэм и унафэщI ящI, 1976-1989 гъэхэм поликлиникэм и дохутыр нэхъыщхьэм и къуэдзэу мэлажьэ. Лэкъумэн и махуэ къэси, пщIантIэпсри зыхуигъэтIылъар цIыхухэм я узыншагъэращ, абыхэм сэбэп зэрахуэхъун лэжьыгъэращ.

Пшыхьыр пэублэ псалъэкIэ къызэIуихащ и къызэгъэпэщакIуэ ПIэф ФуIэд. Ар къытепсэлъыхьащ фэеплъ зэхыхьэм щхьэусыгъуэ хуэхъуам, Лэкъумэн ехьэлIа фэеплъ теплъэгъуэхэмкIэ къэпсэлъэныгъэхэр зэхиублащ. .

- Зи гъащIэмрэ гуащIэмрэ псэемыблэжу лъэпкъым хуэзыгъэтIылъа Жантемыр Лэкъумэн и дунейр зэрихъуэжрэ илъэси 10 ирокъу. Гъэ кIуам и щакIуэгъуэ (ноябрь) мазэм Лэкъумэн псэужамэ илъэс 80 ирикъун хуеящ. А псори щхьэусыгъуэ хуэхъуащ нобэ зэхэтша фэеплъ зэIущIэм. Лъэпкъми, къуажэми ящыгъупщэ хъунукъым Лэкъумэн хуэдэ цIыхушхуэхэр. Абыхэм я гъащIэ, лэжьыгъэ щапхъэм дыщIэту дяпэкIэ дыкIуэтэн хуейщ, - жиIащ ПIэф ФуIэд.

ЗэIущIэр адэкIэ пащащ Лэкъумэн ехьэлIа гукъэкIыжхэмкIэ. Къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ КъЧР-м и клиническэ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэм и къуэдзэ Жантемыр Борис.

- Лэкъумэн сыт и IуэхукIи зэпIэзэрыт, зэтеубыда цIыхут. И IэщIагъэр нэгъэсауэ ицIыхут, дэтхэнэми сэбэп зэрыхуэхъунум и ужь итт. Къапщтэмэ, абы и фIыгъэщ сэри медицинэ къудамэм лъэбакъуэ махуэ зэрыхэсчар. Нобэ сызэплъэкIыжми, илъэс 40 ирикъуащ а гъуэгуанэ мыпсынщIэм сызэрытетрэ, IэщIагъэ къыхэсхам сызэрырилажьэрэ.

Зи псалъэ узыншэкIэ, чэнджэщкIэ, щапхъэ дахэкIэ къытщхьэщыта Лэкъумэн сригушхуэу си сабиищхьэ лъандэрэ къесхьэкIащ. БалигъыпIэ сиува нэужьи, нобэ къыздэсми, абы и фэеплъым сыхуэщыпкъэщ,- жиIащ Жантемыр Борис.

Медицинэм хуигъэтIылъа пщIантIэпсым къыщымынэу, Лэкъумэн икIи творческэ цIыху гъэщIэгъуэнт. Абы и тхыгъэхэр иджы къыздэсым  курыт еджапIэм щадж, анэдэлъхубзэ тхылъхэм ярытщ. Тхьэм ирещIи, медицинэм гуащIэу хуигъэтIылъам щыщ IыхьэфI литературэми хухихамэ, нэхъыбэж творческэ лъэужь къигъэнэнут Лэкъумэн. Дауэ щымытми, ар хэлIыфIыхьын хущIыхьащ лъэпкъ литературэми. Ари зыщагъэгъупщакъым пшыхьым къыщызэхуэсахэм. Профессор, Али-Бэрдыкъуэ къуажэм и е 2-нэ еджапIэм и унафэщI Иуан Зэуал утыкум къыщытепсэлъыхьащ Лэкъумэн и творческэ гъуэгуанэм.

Иужьым къызэхуэсахэм фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ Лэкъумэн и шыпхъу Розэ. Ар тхьэгъэпсэукIэ пэджэжащ жаIам икIи ядэгуэшащ Лэкъумэн теухуа гукъэкIыжхэмкIэ.

- И гулъытэрэ гудзакъэныгъэрэ дыщимыгъащIэу псэуащ Лэкъумэн. Лъэпкъым и зы къупщхьэкIэ, дэлъхугъэкIэ къыпыкIыпхъэ хабзэрэ кIухьэнрэ, гуащIагъэрэ хъеррэ къыдигъэкIыу псэуащ. Нобэ къыздэсым цIыхухэм я гум къызэрыкIыжыр фэеплъ дахагъэущ, гъащIэ Iыхьэ угъурлы къэзыгъэна лъэпкъылIущ. И цIыхугъэм и мызакъуэу, щIэныгъэкIэ, IэщIагъэкIэ, литературэкIэ къигъэна лъэужьыр нобэ къыздэсым ужьыхакъым.

ФIыщIэ фхузощI нобэ къекIуэлIа дэтхэнэми. Утыкум щывгъэлъапIэ цIыхум хухэфх лъапIэныгъэр фи унагъуэхэм ирихьэ. Езыр къытхэмытыжми, нобэрей пшыхьымкIэ и псэр зэрырарэзыр хьэкъщ,- жиIащ Розэ.

$IMAGE4$

Просмотров: 1370 | Добавил: adm | Теги: ЦIыху, псэуащ, Жантемыр, Лэкъумэн, угъурлыуэ | Рейтинг: 0.0/0
Всего комментариев: 0
Имя *:
Email *:
Код *: