16:34 Фэеплъ зэпеуэ | |
ЗэрыжаIэщи, фэеплъыр зыхъумэр щIэблэращ. Сыт хуэдэ лъэпкъми, зэманми, дунейми хэкIуэдэнукъым цIыхум и гъащIэ лъэужьыр, ар нэгъэсауэ зезыхьэн къыкъуэкIмэ. Апхуэдэ гупсысэр я пашэу иджыблагъэ Хьэгъундыкъуей къуажэм щрагъэкIуэкIащ адыгэ щIалэ щыпкъэу дунейм тета Щохъужь Мурат Мухьэдин и къуэм и фэеплъ зэпеуэ. Зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIар Iэхуитлъэхуит бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэщ. Утыкум я къарурэ спорт Iэзагърэ щагъэлъэгъуащ 2006-2009 илъэсхэм къэхъуа сабийхэм. Хьэгъундыкъуей къуажэм и мызакъуэу, абы къекIуэлIащ Хьэбэз, Абазэ районхэм, Къызыл-Юрт къуажэм къикIахэр. Къызэхуэсахэм пэублэ псалъэкIэ захуигъэзащ къуажэ администрацэм и унафэщI Иуан Руслан. — Ди гуапэщ нобэрей зэIущIэм мыпхуэдиз сабий къызэрекIуэлIар, я спорт Iэзагъыр ягъэлъэгъуэну тегушхуауэ утыкум къызэрихьэр. Ди къуажэм и мызакъуэу, нэгъуэщI къуажэхэми къикIауэ сабийхэр зэрыхэтыр тIэунейрэ нэхъ ди гуапэжщ. Шэч зыхэмылъщи, ди къуажэгъу, лъэпкъэгъу, хэкуэгъу и фIыщIэ, и фэеплъ дэ дымыгъэлъэпIэжмэ, зыми игъэлъэпIэнукъым. Сабийхэм сохъуэхъу районым и мызакъуэу, Урысейми, Европэми, Дуней псоми я чемпионхэр къахэкIыну, апхуэдэ лъагапIэхэм нэсыну, — жиIащ Руслан. АдэкIэ утыкум фIыщIэ псалъэ щыжиIащ Щохъужь Мурат и класс унафэщIу, егъэджакIуэу щыта ТыIэщ Антонинэ. Лъэпкъым къыбгъэдэкIыу къызэхуэсахэм захуигъэзащ нэхъыжьыфI Щохъужь Мардас. Спортсмен ныбжьыщIэхэм ехъулIэныгъэкIэ яхуэупсащ Адыгэ Республикэм къикIыу, и ныбжьэгъум и фэеплъыр игъэлъэпIэну зэпеуэм къеблэгъа КIэрашэ Мурат. Зэпеуэм зыщызэзыпщыта гупхэм ящыщу, Хьэгъундыкъуей къуажэм къыбгъэдэкIа гупым япэ увыпIэр къахьащ, етIуанэр -Куэш-Хьэблэм, ещанэр -Елбыргъэн къикIа бэнакIуэхэм къалъэщащ. Абыхэм кубок зырызыххэ хуагъэфэщащ. Я щхьэкIэ къалъэща увыпIэхэм и гугъу пщIымэ, япэ увыпIэр къалъэщащ Уэйокъуэ Ахьмэд (кг. 22-рэ), ХьэкIырэ Имран (кг. 24-рэ), Жу Аслъэн (кг. 26-рэ), ХьэкIырэ Елдар (кг. 32-рэ), Сидакъ Альберт (кг. 32-рэ), Хъупсырокъуэ Мурат (кг. 36-рэ), Къардэн Станислав (кг. 34-рэ), Нэхущ Темырлан (кг. 46-рэ), Жантемыр Илас (кг. 26-рэ), Матакаев Солмэн (кг. 30), Уэз Ренат (кг. 28-рэ), Къантемыр Абдурэхьмэн (кг. 34-рэ), Гъуэзджэш Малик кг. 38-рэ), Тобыл Алан (кг. 30), ПIапIшу Нурлий (кг. 36-рэ), Хьэщпакъ Алан (кг. 42-рэ), Къамэ Мухьэмэд (кг. 46-рэ), Есэн Артур (кг. 46-рэ щIигъухэм). Зэпеуэр зэхуищIыжащ ар зи фэеплъу ирагъэкIуэкIа Щохъужь Мурат и къуэш нэхъыщIэ Ахьмэд. Абы фIыщIэ яхуищIащ спорт зэхьэзэхуэр къызэгъэпэщыным хэлэжьыхьа къуажэ администрацэмрэ абы и уна-фэщI Иуан Русланрэ, Хьэбэз районым и ДЮСШ-м и унафэщI КIэщт Замир, Хьэгъундыкъуей къуажэм сабийхэр Iэхуитлъэхуит бэнэкIэм хуэзыгъасэ Бешто Беслъэн, Езауэ Адемыркъан, Жу ЗэIудин сымэ, дунейм ехыжа и къуэшым и ныбжьэгъухэм. — ФIыщIэ яхузощI нобэ мы Iуэхум зи къарурэ хьэрычэтрэ хэзылъхьа дэтхэнэми. ПцIы хэмылъу, сабийхэм я дэрэжэгъуэрэ гуфIэгъуэрэ зыхалъхьэ зэпеуэм нэхърэ си къуэш тхьэмыщкIэм и псэр нэхъ зыхуэгуфIэн Iуэхугъуэ щыIэуи къыщIэкIынкъым. Махуэ псом утыкум ита ныбжьыщIэхэм сывохъуэхъу фи ехъулIэныгъэхэмкIэ куэд-рэ фыкъызыхэкIа лъэпкъри, къуажэри, унагъуэри вгъэгуфIэну. Тхьэм узыншэу дунейм фытригъэт! — жиIащ Ахьмэд. Зэпеуэм къыхэжаныкIахэм кубокхэр, медалхэр, фIыщIэ тхылъхэр хуагъэфэщащ. | |
|
Всего комментариев: 0 | |