11:15 Хьид Махуэшхуэм ХабзэфIым тету | |
Мэкъуауэгъэм (июным) и 15-м, Хьид Махуэшхуэм и пщэдджыжьым, илъэс куэд хъуауэ хабзэм зэрытету къызэрагъэпэщ IуэхуфI Али Бэрдыкъуэ къуажэм щекIуэкIащ. Апхуэдэу, къуажэ администрацэмрэ щэнхабзэмкIэ Унэм и лэжьакIуэхэмрэ я къызэгъэпэщыныгъэкIэ, мазэм къриубыдэу нэщI зыIыгъа къуажэдэсхэр хагъэщхьэжащ. Хьид пщэдджыжьым мэжджытым къыщIэкIыжахэр къекIуэлIащ къуажэм дэт езанэ курыт еджапIэм. Абы и пщIантIэм, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ сыным и пащхьэ зэхэувэхэри, къуажэм и ефэнды Нэхущ Мухьэмэд дыуэ яригъэщIащ. Иужьым шхапIэм щIыхьащ. Абдежым Iэнэ щаузэдри, къуажэ жэмыхьэтыр, нэхъыжьхэр, щIалэгъуалэр хагъэщхьэжащ. Мы махуэм къаIэта ерыскъым папщIэ дыуэ яригъэщIащ къуажэм и муIэзин ХьэкIырэ Щэмел. Псапэ ин зыхэлъ Iуэхум хэлэжьыхьахэм, ерыскъыр берычэтыр зыупщэфIа бзылъхугъэхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ къуажэм дэс нэхъыжь Аслъэныкъуэ ТIытIымэ. Хэщхьэжын Iуэхум кърагъэблэгъахэм фIыщIэшхуэ къыхуащIащ къуажэ администрацэм и унафэщI Иуан Руслан. АтIэ, къуажэм и унафэщI IэнатIэм зэрытехьэрэ, Хьид махуэшхуэ къэскIэ псапэ ин зыхэлъ мыпхуэдэ IуэхуфIыр абы и нэIэм щIэту къызэрагъэпэщ. АбыкIэ нэхъыжьхэм пщIэ зэрахуищIыр, зэрахуэгуапэр къыхагъэщу къэпсэлъахэр Иуан Руслан къехъуэхъуащ. | |
|
Всего комментариев: 0 | |