16:41 Къуажэм и Iэтащхьэм и Кубокым | |
МахуитIым къиубыдэу Али-Бэрдыкъуэ къуажэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм и утыкур районым щыщ боксёр ныбжьыщIэхэм я зэпэщIэтыгъэхэм зэщIиIэтащ. Зэпеуэм къекIуэлIащ Хьэбэз, Къэрэшей, Зеленчук районхэм къабгъэдэкIа боксерхэр. Хьэгъундыкъуей къуажэм спортсмен ныбжьыщIэхэр илъэс 25-м зэрынэхьэсауэ боксым хуэзыгъасэ, IэпщIэлъапщIагъ зыбгъэдэлъ Иуан ХьэзрэIил дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, мы зэпеуэр илъэс етхуанэ хъуауэ къуажэм деж къыщызэрагъэпэщ, жылагъуэм и Iэтащхьэм и Кубокыр къэлъэщыным траухуэ. — Мыгъэрей зэпеуэм къекIуэлIащ 2001-2009 гъэхэм къалъхуа боксер ныбжьыщIэ 124-рэ. Хьэлъагъ зэхуэмыдэ 14-кIэ боксерхэр зэпэщIэтащ. Сащымыгугъауэ, ныбжьыщIэ куэдым ерыщу я зэпэщIэтыныгъэхэр ирагъэкIуэкIащ, гъэщIэгъуэну зыкъызэкъуахащ. Апхуэдэхэм, шэч хэмылъу, дагъэгуфIэ. Мыбдеж зыкъыщагъэлъэгъуащ СКФО-м щекIуэкIа спорт зэхьэзэхуэхэм хэтахэми, республикэм бжьыпэр щызыубыдахэми. Боксер нэхъыжьхэм я IэкIуэлъакIуагъым доплъей зызыгъэсэн щIэзыдзагъащIэ ныбжьыщIэхэри. Спорт зэхьэзэхуэр къызэгъэпэщынымкIэ, сыт щыгъуи хуэдэу, къуажэм и Iэтащхьэ Иуан Руслан хуабжьу зыкъытщIигъэкъуащ. Къапщтэмэ, сыт хуэдэ зэпеуэ дымыкIуэми къуажэм и унафэщIым лъэкI къимыгъанэу зыкъытщIегъакъуэ, ди сабийхэр егъэгушхуэ. Ар куэд и уасэщ. Тхьэгъэпсэу жыдоIэ анэ-адэхэми, сэри, ныбжьыщIэхэми къыдбгъэдэкIыу, — жиIащ Иуан ХьэзрэIил. ГъэсакIуэм зэрыжиIауи, дэ зэрытлъэгъуауи, боксер ныбжьыщIэхэм я зэпэщIэтыныгъэр хуабжьу гъэщIэгъуэну, удэхыхьэхыу екIуэкIащ. Долъытэ, мыбдеж япэ, етIуанэ увыпIэхэр къыщызыхьа ныбжьыщIэхэм я цIэ къитIуэмэ, абы сабийхэр нэхъри нэхъыфIыжу игъэгушхуэну. Зэпеуэр здекIуэкIа Али-Бэрдыкъуэ къуажэм щыщу къыхэжаныкIахэр: япэ увыпIэр — Жантемыр Динур, ЛIымаху Казбек, Урэкчай Ахьмэд, Иуан Равиль, КIыщокъуэ Алим, Сонэ Исмэхьил, Иуан Марат, ЛIымаху Радион, Жу Динур, Нэней Арсен, Акъ Рустам, Иуан Радик; етIуанэ увыпIэр — Иуан Мурат (кг. 40), Анзор Алан (кг. 38-рэ), Къущхьэ Беслъэн (кг. 34-рэ). Хьэбэз къуажэм къыбгъэдэкIауэ япэ увыпIэр къахьащ: Нэхущ Рахим (кг.33-рэ), Сидакъ Алий (кг. 36-рэ), КIытIэ Эмир (кг. 30), МыкIытIэ Амир (кг. 34-рэ), Гъуэзджэш Щэмил (кг. 39-рэ), Жумай Амиран (кг. 28-рэ), Мысрокъуэ Темырлан (кг. 29-рэ), Арэшыкъуэ Расим (кг. 31-рэ), Дзэгъэщтокъуэ Елдар (кг. 57-рэ), Дэмэлей Рэмэзан (кг. 75-рэ), Дэмэлей Беслъэн (кг. 64-рэ), Уэрзэлы Амал (кг. 70), Хъупсырокъуэ Ислъам (кг. 32-рэ), Арэшыкъуэ Раул (кг. 37-рэ), Хьэмдэхъу Руслан (кг. 34-рэ), Даур СулътIан (кг. 29-рэ); етIуанэ хъуащ Дэмэлей Умар (кг. 28-рэ), Мысрокъуэ Беслъэн (кг. 30), Даур Азнаур (кг. 29-рэ), Хъупсырокъуэ Арсен (кг. 43-рэ), Джатэ Рамил (кг. 65-рэ). Зеикъуэ къуажэм щыщу япэ увыпIэр къэзыхьахэр: Къуршэ Мурат (кг. 48-рэ), Къэзэнокъуэ Алан (кг. 32-рэ), Къэрэшейхэ Ислъам (кг. 42-рэ), Къэзэнокъуэ Малыч (кг. 26-рэ), Аргун Расим (кг. 24-рэ), Хьэгъундокъуэ Беслъэн (кг. 40); етIуанэ хъуащ: Ещрокъуэ Руслан (кг. 54-рэ), Мусэхэ Динур (кг. 64-рэ), Къэзэнокъуэ Рустам (кг. 38-рэ), ПIапIшу Дамир (кг. 57-рэ), Выкхъэ Темырлан (кг. 60), Къэзэнокъуэ Елдар (кг. 27-рэ), Iэзэ Марат (32), Бэдракъ Дамир (кг. 32-рэ), Мусэхэ Дамир (кг. 25-рэ). Хъумэрэ къуажэм щыщу япэ увыпIэр къахьащ: Хачиров Динур (кг. 30), Дыгъужь Малыч (кг. 36-рэ), Дзэмыхь Анзор (кг. 38-рэ), Лъэпсырыкъуэ Артур (кг.32-рэ), Иманов Радмир (кг. 36-рэ), Эльдаров Радмир (кг. 44-рэ); етIуанэ хъуащ: Жэгуэтэн Арис (кг. 30), ПIаз Елдар (кг. 34-рэ), Дзэмыхь Имран (кг. 36-рэ), Хачиров Карим (кг. 48-рэ), Хьэжмыстафэ Ислъам (кг. 58-рэ). Жьакуэ къуажэм щыщу япэ увыпIэр Кхъуэхъу Маликрэ Сонэ Рустамрэ; етIуанэр - Теркъул Ратмир, Сонэ Рахим, Мамхэгъ Ахьмэд сымэ къахьащ. Беслъэней къуажэм къыбгъэдэкIауэ япэ увыпIэр зыIэрагъэхьащ Щхьэгуэш Аминрэ (кг. 38-рэ) Турчин Русланрэ (кг. 60). ТекIуэныгъэр къэзыхьахэм, зэпеуэм и призер хъуахэм къуажэ администрацэм и унафэщIым яхуигъэфэщащ щIыхь тхылъхэр, кубокхэр, медалхэр. НыбжьыщIэхэм я гъэсакIуэхэр: Къэрэшейхэ Владимир, Иуан ХьэзрэIил, КIытIэ Мухьэмэд, Къардэн Мухьэдин, Дыгъужь Назим сымэщ. Зыгъэхьэзырар ЩОХЪУЖЬ Люсанэщ
| |
|
Всего комментариев: 0 | |