Решаем вместе
Не убран мусор, яма на дороге, не горит фонарь? Столкнулись с проблемой — сообщите о ней!
Приветствую Вас, Гость! Регистрация RSS

Али-Бердуковское сельское поселение

Воскресенье, 22.12.2024
Главная » 2017 » Июль » 12 » Памяти Шорова Мухамеда Хизировича.
09:38
Памяти Шорова Мухамеда Хизировича.

ТекIуэныгъэм и илъэс 72-м

Урысейм и лIыхъужьыцIэр зыхуэфащэщ

Илъэс 70-м щIигъужащ Хэку зауэшхуэр зэриухрэ. Хэгъуэщэжащ къэралым ТекIуэныгъэр къыхуэзылъэщахэм я зауэлI лъагъуэр. Ауэ фашизмэм текIуахэм я фэеплъыр ноби ужьыхкъым, абыхэм зэрахьа лIыгъэр цIыхугум ихукъым. Хэкур бийм щахъумэн папщIэ, ди зауэлI щыпкъэхэм къагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэмрэ гуеягъэмрэ щIэблэм щыгъупщэкъым, я щапхъэщ…

Хьэгъундыкъуей адыгэ  жылэжьыр зи лIыхъужьыгъэрэ хахуагъэрэкIэ зыгъэлъэпIа зауэлI гуейхэм ящыщщ Шорэ Мухьэмэд Хъызыр и къуэр. Хэку зауэшхуэм и къыщIэдзапIэм щегъэжьауэ ар иухыным махуэ бжыгъэ фIэкI къэмынэжыхункIэ, Мухьэмэд и псэ емыблэжу Хэкур фашистыдзэм щихъумащ. И гъащIэри щIитащ. Берлин къалэр зэхакъутэпэным махуиплI къэнэжауэ, ТекIуэныгъэшхуэр къахьыным махуипщI иIэжу, гвардием и лейтенант Шорэ Мухьэмэд зэхэуэ гуащIэм хэкIуэдащ. ЩыщIалъхьэжащ Германие къэралым хыхьэ Ратенов къалэм.

Хэкум, лъэпкъым и къуэ щыпкъэхэр зэрыщымыгъупщэм, абыхэм я щIыхьыр зэрагъэлъапIэм и щапхъэу, мы махуэхэм Хьэгъундыкъуей къуажэм фэеплъ Iуэхугъуэ дахэ щекIуэкIащ. Къуажэм дэт курыт еджапIэм и блыным кIэралъхьащ гвардием и лейтенант Шорэ Мухьэмэд Хъызыр и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу.

Iуэхугъуэм къекIуэлIащ Хьэбэз муниципальнэ район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэхэу Зэубыд Рустам, Сидакъ Азэмэт, районым щылажьэ, зауэм, гуащIэдэкIым, хабзэхъумэ къулыкъухэм я ветеранхэм и Советым и тхьэмадэ Туаршы Назар, Хьэгъундыкъуей къуажэм и Iэтащхьэ Иуан Руслан, Хэку зауэшхуэм хъыбарыншэу щыкIуэдахэр къэлъыхъуэжынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зыгуэщI Хьэмыкъуэ Жаннэ, Шорэхэ я лъэпкъыр, Iыхьлыхэр, къуажэдэсхэр…

ЗэIущIэр къызэIуихащ къуажэм и Iэтащхьэм икIи пэкIум къеблэгъахэр щигъэгъуэзащ Хэку зауэшхуэм лIыгъэ мыкIуэщI къыщигъэлъагъуэу хэкIуэда Шорэ Мухьэмэд и фэеплъ пхъэбгъур къызэIухыныр хуэфащэу къызэрызэрагъэпэщам, хабзэм тету зэрыбгъэдыхьам.

Иужьым, Шорэхэ я лъэпкъым къыбгъэдэкIыу къэпсэлъа МуIэед и къуэшым и зауэлI гъуэгуанэм кIэщIу къытеувыIащ. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIкъым Мухьэмэд зэрихьа лIыгъэхэм къыпэкIуа зауэлI нагъыщэхэм я куэдагъыр: «Вагъуэ Плъыжь»,  «Бэракъ Плъыжь», «Япэ нагъыщэ зиIэ Хэку зауэшхуэ», «ЕтIуанэ нагъыщэ зиIэ Хэку зауэшхуэ» орденхэр, «Варшавэ хуит къызэращIыжам папщIэ», «Берлин къызэращтам папщIэ», «Сталинград зэрахъумам папщIэ» медалхэр ...  

Фыщыдгъэгъуэзэнщ Шорэ Мухьэмэд и зауэлI гъуэгуанэм. Ар 1922 гъэм къалъхуащ, быным я нэхъыжьт. Къуажэм дэта илъэсибл еджапIэр къиуха нэужь, курыт щIэныгъэр Черкесск къалэм дэт е 11-нэ еджапIэм щызэригъэгъуэтауэ щытащ. Курыт еджапIэр къызэраухам теухуа гуфIэгъуэ пшыхьыр зэхэкIыжатэкъым, Хэку зауэшхуэр къызэрыхъеям и хъыбар къыщыIуам. Зи аттестатыр зыгъэтIылъыу зауэм дэкIыну щIэлъэIуахэм ящыщщ Мухьэмэд. АрщхьэкIэ, щIалэщIэр фронтым Iуамыгъэхьэу, военнэ Iуэхум хурагъэджэну Украинэм щыIэ военнэ-лъэсыдзэ, артиллерие еджапIэхэм яунэтI. ЗдагъэкIуа еджапIэм мазэ бжыгъэ фIэкI щеджэн хущIэмыхьэу, фронтыр гъунэгъуу къазэрекIуэлIам къыхэкIыу, зауэм Iуохьэ.

Мухьэмэд хохуэ е 8-нэ кавалерие корпусым. 1941 гъэм дыгъэгъазэ (декабрь) мазэм Сталинград и Iэхэлъахэм щекIуэкIа зэхэуэм уIэгъэ хьэлъэ щохъу. КъоIэзэ, къызэфIоувэжри, е 7-нэ гвардие кавалерие корпусым деж «Сталинград зэрихъумам папщIэ» медалыр къыхуагъэфащэ. Зэхэуэм лIыгъэ къыщызыгъэлъэгъуа, военнэ училищэм и курсант ныбжьыщIэр лейтенант нэхъыщIэхэм я курсхэм яунэтI. Абы щхьэусыгъуэ хуэхуъар мырат: и командирыр биишэм щытекIуадэм, Мухьэмэд мычэнджащэу пашагъэр ищтат. Гуеягъэ зэрыхэлъыр наIуэ хъуати, командир нэс къыхэкIыну къыхуагъэфэщат.

Курсхэр къиуха нэужь, Шорэм полкым къегъэзэж. Сабельнэ взводым и командир ящI. ЛIыгъэ мыкIуэщI, хахуагъэ ин зэхэуэхэм къыщегъэлъагъуэ. Зэм советыдзэм къыпэтIыса бийр къехутэ, и щIыбагъкIэ къекIухьри къыпотIыс. АпщIондэхукIэ ди дзэ пакIэхэм хъыбар къарегъащIэ бийм зыздигъэпщкIуа щIыпIэмкIэ. Советыдзэр бийм къыщытеуэкIэ, икIуэтыну хуожьэри, Шорэм и гупым къагъэудэращхъуэ, гъэру куэд яубыд. Абы къыкIэлъокIуэ Шорэм и нэгъуэщI лIыгъэ щапхъэхэри.

«Взвод противотанковых ружей» гупым и унафэщIу, нэмыцэдзэм къапекIухьри, къыхигъащIэу, ди дзэм иригъэкIуэтхэр «зэтриухъуанщIэу» щIедзэ. Псори зэхэту, автомашинэ зэхэпхъауэ 10 бжыгъэ и гупым и закъуэ къагъауэ. Езы Шорэм и IэкIи нэмыцэ бжыгъэ еукI. Зэхэуэм къыщигъэлъэгъуа гуеягъым къыпокIуэ «Вагъуэ Плъыжь» орденыр.

1944 гъэм, Люблин къалэм деж, езым къебэкI биидзэм Шорэм и гупыр тоуэри, хагъэщIурэ шэдылъэм хахуэ. Нэмыцэдзэ гужьеям и щхьэр ерагъыурэ хехыжри, «зеиншэу» автомашинэ 30-м щIигъу, танки 3 хыфIедзэ, топхэр къагъанэ, нэмыцэ  сэлэт 25-рэ хокIуадэ, уIэгъэ мэхъу. А зэхэуэм папщIэ Шорэм «Бэракъ Плъыжь» орденыр къыхуагъэфащэ.

УмыгъэщIэгъуэн плъэкIкъым зы Iуэхугъуэ. Шорэм хуэгъэзауэ и командирхэм Мухьэмэд зэрихьа лIыгъэр къыщагъэлъагъуэкIэ, «Наградной лист»-хэм сыт щыгъуи иратхэт «исключительное мужество и отвага» жэуэ. Сыт абы пыбдзэжын?..

Шорэ Мухьэмэд и сабельнэ взводыр къызэригъэпэщат икIи игъэсат езым хуэдэу хъыжьэу, къикIуэт ямыщIэу. Абыхэм я пашэу Шорэр Варшавэ дохьэ, ар хуит къащIыж, къыкIэлъыкIуэу Берлин хуаунэтI. Германием и къалащхьэм щIэзэууэ, Мухьэмэд и гупым я хъыбар дэфтэрхэм иужьрейуэ къыхощыж: «Шорэм и гупыр советыдзэм щхьэщыкIри биидзэр хиупщIащ, шэхэр къаIэщIэухауэ, нэмыцэхэм къытрах IэщэмкIэ мэзауэ. Шэ хурагъэхьыну къолъаIуэ…»

Дауи, и зэманым къаIэрыхьакъым гупым зыщIэлъэIуа Iэщэр. А зэхэуэм хокIуадэ Мухьэмэд и гупым и нэхъыбэр. Езыми и гъащIэр абдеж щеух…

Зауэм и кIыхьагъкIэ зауэлI щхьэмыгъащхъыу хэта Шорэ Мухьэмэд зауэр екIуэкIыу къыхуагъэфэща медалхэмрэ орденхэмрэ ябжыгъэр къэлъытэгъуейщ. ПэкIум къыщыпсэлъахэм зэрагъэбелджыламкIэ, абы нэхърэ нэхъыбэжи щыIэщ. Архивхэм дапщэ къыщагъуэтыжа!

КъинэмыщIауэ, Мухьэмэд зауэм хэкIуэда нэужь, и щIыхь нагъыщэхэр зэхуэхьэсауэ, ордекн, медаль 20-м щIигъу пхъуантэ цIыкIум дэлъу, и анэ тхьэмыщкIэм къыIэрагъэхьэжауэ щытащ. Ар фIы дыдэу яцIыхуж ноби дунейм тет, Мухьэмэд и шыпхъухэм.

ПэкIум къыщыпсэлъахэм — Туаршы Назар, Шорэ Хьэсин, Хьэмыкъуэ Жаннэ сымэ къыхагъэщащ Мухьэмэд хуэдэу зи Хэкур псэемыблэжу зыхъумахэм я фэеплъыр игъащIэкIи лъэпкъым, къэралым щыгъупщэ зэрымыхъунур.

Уеблэмэ, Шорэ Мухьэмэд зауэр екIуэкIыу къилъэща зауэлI нагъыщэхэр лIыхъужьыцIэм пэувыфынуи къалъытащ. Къыхагъэщащ а Iуэхум иужь зэритынури.

Мухьэмэд къыдалъхуахэм къабгъэдэкIыу псалъэ зыхуагъэфэща Джиджий Лизэ фIыщIэ ин яхуищIащ и дэлъхум и фэеплъыр, и щIыхьыр зыгъэлъэпIа, зыгъэщыпкъа, Iуэхугъуэм акъылкIи, къарукIи, мылъкукIи хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа дэтхэнэми.

Хэку мамырыгъэр лъыкIэ къытхуэзызэуахэм я фэеплъыр зэрымыкIуэдым, къытщIэтаджэ щIэблэм ар я Iэрылъхьэу къызэрытэджым и щапхъэу, и лъэпкъым къыхэкIа лIыхъужьым зэрыригушхуэр игъэщыпкъэу, Анзорхэ Рианэ цIыкIу хэкупсагъэкIэ, Хэку фIылъагъуныгъэкIэ гъэнщIа усэм екIуу къеджащ.

Иужьым, фэеплъ пхъэбгъур къызэIуахащ къуажэм и Iэтащхьэмрэ Джиджий Лизэрэ.

 «ЗауэлIыр зыгъэлъапIэр, уахътыншэ зыщIыр абы хэлъ хахуагъэр, текIуэныгъэм зэрыщIэбэнар, къилъэща нагъыщэхэращ» жаIэ. Шэч хэмылъу, Шорэ Мухьэмэд зауэлI гуейуэ, хахуэу зауэ гъуэгуанэм ирикIуащ. ТекIуэныгъэр къэлъэщыным щхьэмыгъэщхъыу зэрыщIэбэнам и щыхьэтщ абы зэрихьа лIыгъэр къыхалъытэкIэрэ къыхуагъэфэща щIыхь нагъыщэхэр. Апхуэдэ фэеплъым Шорэм и цIэр игъащIэкIи лъэпкъым и тхыдэм къыхинащ.

ЩОХЪУЖЬ Люсанэ

Просмотров: 1105 | Добавил: Admin | Теги: Шоров, Мухамед, ВОВ., администрация | Рейтинг: 0.0/0
Всего комментариев: 0
Имя *:
Email *:
Код *: