09:59 Пшыхьым къикIыу «Сэтэнейр» ноби мэгъагъэ! | |
Хьэгъундыкъуей адыгэ жылэжьыр зэрыгушхуэ, и напщIэтелъ, уэрэдымрэ къафэмрэкIэ «Сэтэней» ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 70, «цIыхубэ» нагъыщэр къызэрыхуагъэфащэрэ илъэс 35-рэ зэрырикъуар иджыблагъэ къуажэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ. ЖыпIэнурамэ, къуажэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм и пэшым увыпIи тIысыпIи щыбгъуэтынутэкъым: махуэщIым къекIуэлIат къуажэдэс балигъхэри сабийхэри. «Сэтэнейм» и махуэщIыр яIэтыну пшыхьым къеблэгъахэм ящыщщ Черкесск къалэ мэрым и япэ къуэдзэ Пхъэш Ахьмэд, Хьэбэз муниципальнэ район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэхэу Зэубыд Рустамрэ Арэшыкъуэ Амиррэ, район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Даур Аннэ, республикэм, лъэпкъым деж пщIэ ин, щIыхь лъагэ щызиIэ нэхъыжьыфI, совет зэманым щыгъуэ ансамблым щIэгъэкъуэн сыт щыгъуи хуэхъуу щыта Арэшыкъуэ Къанщауэ, зы зэманкIэ къуажэм дэт щэнхабзэмкIэ и Унэм и унафэщI IэнатIэм пэрыта, егъэджакIуэ IэщIагъэм зи гъащIэр тезыухуа Шорэ Хьэсин, районым щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI IэнатIэр зыIыгъа Къардэн Заремэ, илъэс зэхуэмыдэхэм ансамблым уэрэд щыжызыIахэр, къыщыфахэр, и пшынауэу щытахэр, нобэ мы творческэ гупыр езыгъэфIакIуэхэр. Илъэс 70-р зы цIыху гъащIэщ – дахэу, екIуу къэбгъащIэмэ – лъэужь дахэ къыпкIэлъокIуэ, лэгъупыкъум хуэдэу. АтIэ, «Сэтэней» гупым сыт и лъэныкъуэкIи а илъэсхэр гъэнщIауэ, купщIафIэу, гъэщIэгъуэну ирихьэкIащ. Ар ягъэщыпкъэкIэрэ, ансамблым къикIуа гъуэгуанэр сэтей къащIкIэрэ, пшыхьым къеблэгъахэм кърагъэлъэгъуащ гупым и тхыдэм теухуа нэтын. Уэрэдымрэ къафэмрэкIэ «Сэтэней» ансамблым Али-Бэрдыкъуэ къуажэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм и хэщIапIэм деж щылэжьэн зэрыщIидзэрэ илъэс 50 ирикъуащ. А зэманым къриубыдэу ансамблыр къуажэм дэс щIалэгъуалэм и творческэ зыужьыныгъэм и хэщIапIэ лъэщ хъуащ. Хьэбэз районми, республикэми къыщымынэу, ансамблым и цIэр щигъэIуащ, цIэрыIуэ щыхъуащ Урысейм и къалэ куэдым. Нэхъыщхьэр аращи, адыгэ лъэпкъым бгъэдэлъ къэфэкIэ гъуазджэм къыщымынэу, Ищхъэрэ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэр, цIыхубэ къафэхэр мы гупым утыкум ирахьэ зэпыту ноби къогъуэгурыкIуэ. Апхуэдэ къафэхэм ныбжьыщIэхэр хуегъэуш лъэпкъхэм ябгъэдэлъ щэнхабзэр фIыуэ лъагъуным, хэкупсэу къэгъэтэджыным. НобэкIэ къапщтэмэ, ансамблым хэтхэр къуажэм дэт курыт еджапIэхэм щеджэ ныбжьыщIэхэр, къуажэдэс щIалэгъуалэращ. Зэкъуэту, пщIэ зэхуащIу фIылъагъуныгъэ ин зыхуаIэ Iуэхур зылэжь ансамблым — хэгъуэгу, край, Урысейпсо, Дунейпсо зэпеуэхэм бжьыпэр зэкъым зэрыщаубыдар. Щхьэихауэ и цIэ къиIуапхъэщ нобэ ансамблым нэгъэсауэ и гуащIэ игъэтIылъыныр зи фIыщIэ, гупым и унафэщI, КъЧР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, зи лэжьыгъэкIэ Iуэху зэхэщIыкI ин зыбгъэдэлъ, «Эльбрус», «Кавказ», «Iэдииху» гупхэм къыщыфа, ядэлэжьа ЛIымаху Анатолэ, зи пшынэ еуэкIэр зыми хуомыгъэдэфын, ди хэгъуэгум деж «пшыналъэм и гуащэу» плъытэфыну, гупым я пшынауэ емышыж, КъЧР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЛIымаху Зэрылэ. Илъэс 50 хъуауэ лажьэ «Сэтэней» гупым, шэчыншэу, гуащIэшхуэ къызэринэкIащ. АтIэ, хэт зымыщIэр нобэ республикэм и щэнхабзэр, къафэ гъуазджэр езыгъэфIакIуэ, КъЧР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Эльбрус» къэрал ансамблым и солист, бгъэдэлъ къэфIэкIэ зэчийр Франджым, Бельгием, Голландием, Испанием, Тыркум щаIэта ЛIымаху Зэуал?! КъинэмыщIауэ, ансамблым зи гуащIэ щызыгъэтIылъахэм ящыщщ КъЧР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ, философие щIэныгъэхэм я кандидат Къэбардэ Иринэ, дыщэидэ IэщIагъэмкIэ цIэрыIуэ хъуа Мамхэгъ Гуащэ, «12 звёзд Черкесии» уэрэджыIэ зэпеуэм щытекIуа, ТхьэкIумашэхэ Русланрэ Расулрэ, Токъубай Къэхъун, нэгъуэщIхэри. Къапщтэмэ, ансамблым хэтащ, ноби ар ягъэбжьыIэ унагъуэ щхьэхуэхэм: Щохъужьхэ, ЛIымахухэ, ТхьэкIумашэхэ… Иужьрей илъэситIым ансамблым зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм дыкъытеувыIэнщи, республикэм и щIыхьыр щиIэту, ТIуапсэ щекIуэкIа «Орлята России» Урысейпсо зэпеуэм хэтащ, текIуэныгъэри къыщилъэщащ. КъинэмыщIауэ, гупыр текIуэныгъэ инкIэ къыхэщащ «Магия танца» республикэ фестиваль-зэпеуэм. Мы фестивалым деж «Сэтэнейм» и цIэр щраIуащ зэпеуэм и саугъэт нэхъыщхьэмкIэ, «цIыхубэ къафэ» номинацэмкIи япэ нагъыщэ зиIэ и Лауреат хъуащ. Гупым и удожественнэ унафэщI ЛIымаху Анатолэ "За профессиональную подготовку Лауреатов конкурса" саугъэт щхьэхуэкIэ къыхагъэщащ. Псом хуэмыдэу къэпсэлъахэм къыхагъэщащ, я псэемыблэж гуащIэри къыхалъытащ лъэпкъым къыщIэтаджэ щIэблэр дахагъэм щIэзыпIыкI, къафэ гъуазджэм дезыгъэхьэх, гуащIэ ин, къару мыкIуэщI ансамблым езыхьэлIэ, гупым анэрэ адэрэ яхуэхъу ЛIымахухэ Анатолэрэ Зэрылэрэ. — Сабийхэр къафэ гъуазджэм хэшэнымкIэ лэжьыгъэр зэи зэпыукъым. АбыкIэ фIыщIэ ин ябгъэдэлъщ ныбжьыщIэхэм я анэ-адэхэми, зэпеуэ, фестиваль зэхуэмыдэхэм дыхэтыфынымкIэ лъэкIыныгъэ къытхузэзыгъэпэщ, ансамблым хэтхэм зэрахьэ фащэхэр тхуезыгъэд, пщIэ ин зыхуэтщI Аргун Олеги. Нэхъыжьхэм къытIэщIалъхьа нагъыщэр, ансамблыр зэрызэфIэувэрэ къилъэща пщIэ лъагэр иджырей щIэблэм я ныпщ, я гъуэгугъэлъагъуэщ. ДыщогуфIыкI ди щIалэгъуалэм къафэмкIэ, уэрэдымкIэ, щэнхабзэмкIэ заужьыным хуэпабгъэу къызэрытэджым. Абы фIым ущегъэгугъ, текIуэныгъэщIэхэм ухущIегъэкъу, дрегъэфIакIуэ! — къыддэгуэшащ ЛIымаху Анатолэ. Пшыхьым и кIэм, псалъэ гуапэкIэ къуажэдэсхэм, ансамблым хэтахэм, ноби хэтхэм, хьэщIэхэм захуигъэзащ къуажэм и унафэщI Иуан Руслан. Къыхигъэщащ ансамблым адыгэ лъэпкъыр, Хьэгъундыкуъей къуажэр зэрыригушхуэр. Иужьым, «Сэтэней»-р зэфIэувэным илъэс зэхуэмыдэхэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэм къуажэ администрацэм къыбгъэдэкIыу ФIыщIэ тхылъ яхуигъэфэщащ. «Сэтэней»-р гъэлъэпIэным хуэгъэза пшыхьыр зэхуащIыжащ залым щIэсхэм я Iэгуауэ иным щIэту, концертым хэтахэм зэдыжаIа «Си къуажэ дахэу Хьэгъундыкъуей!» уэрэдымкIэ. ЩОХЪУЖЬ Люсанэ | |
|
Всего комментариев: 1 | ||
| ||