Решаем вместе
Не убран мусор, яма на дороге, не горит фонарь? Столкнулись с проблемой — сообщите о ней!
Приветствую Вас, Гость! Регистрация RSS

Али-Бердуковское сельское поселение

Пятница, 08.11.2024
Главная » 2017 » Май » 30 » Ухэту ди гъащIэм хьэуа къабзэу
12:18
Ухэту ди гъащIэм хьэуа къабзэу

Ухэту ди гъащIэм хьэуа къабзэу

 

Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа егъэджакIуэ, журналист, тхакIуэ, драматург Хьэгъундокъуэ Рэмэзан къызэрыхъурэ илъэс 90 зэрырикъур нэгъабэ республикэм и къалащхьэм, Хьэбэз районым щагъэлъэпIащ. А Iуэхугъуэ гуапэр пащэкIэрэ, Хьэгъундокъуэр къыщыхъуа Али-Бэрдыкъуэ къуажэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм иджыблагъэ фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ.

 

Черкесск къалэм дэт, Никулин Сергей и цIэр зезыхьэ сабий библиотекэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща пшыхьыр егъэкIуэкIыным я гуащIэ халъхьащ Дэбагъуэ Фатимэ зи унафэщI Хьэбэз район библиотекэм, районым егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм. Пшыхьым къекIуэлIащ къуажэм и нэхъыжьхэм я советым хэтхэр, Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэр, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, къуажэдэсхэр, жылагъуэ IуэхущIэхэр, къулыкъущIэхэр, Рэмэзан и лэжьэгъуу, ныбжьэгъуу щытахэр, и фэеплъыр зи гум хуабэу къина дэтхэнэри.

  • япэ псалъэу къызэрыщыхагъэщащи, Хьэгъундыкъуей къуажэр бейщ цIыху еджахэмкIэ, Хэку зауэшхуэм хэта ветеранхэмкIэ, гуащIэрылажьэшхуэхэмкIэ, спортым, дзэ къулыкъум ехъулIэныгъэфIхэр щызиIэхэмкIэ, къалэмыр зыгъа-бзэ тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэмкIэ, къэрал, жылагъуэ IуэхущIэхэмкIэ, нэхъыжь IумахуэхэмкIэ, нэхъыщIэ гъе-рэтыфIэхэмкIэ.

Республикэ сабий библиотекэм и библиограф Каракетовэ Лолитэ пшыхьым хэтахэр иригъэплъэжащ Рэ-мэзан и гъащIэ, гуащIэдэкI гъуэгуанэм.

— Адыгэ интеллигенцэм щыщ, щIыхьышхуэм хуэфащэ, цIыхугъэ лъагэм дэхъуу псэуа, щIэныгъэфI зыбгъэдэлъа Хьэгъундокъуэ Рэмэзан 1926 гъэм мэкъуауэ-гъуэм (июным) и 30-м Хьэгъундыкъуей къуажэжьым (иджы Али-Бэрдыкъуэ) къыщыхъуащ. Черкесск къалэм дэт педагогикэ училищэр къиуха нэужь, илъэс 14 нэхъ мыхъуа щIалэ цIыкIум и къуажэм егъэджакIуэу лэжьэн щыщIидзащ. Езым хуэдэ ныбжьыщIэхэр, балигъхэр тхэным, еджэным хуигъасэт. Фронтым къикI зауэлI тхыгъэхэм и къуажэгъухэм къахуеджэт, абыхэм я псалъэхэмкIэ жэуапхэр яхуитхыжт. 1943-1957 гъэхэм Рэмэзан и къуажэ курыт еджапIэм егъэджакIуэу щылэжьащ. Егъэджэныгъэ закъуэкIэ абы и щIэныгъэ къэухьыр иухтэкъым. АтIэ, Рэмэзан адыгэ усыгъэми, IуэрыIуатэми, адыгэ уэрэдыжьхэми, таурыхъ, хъыбарыжьхэми хуэнэхъуеиншэт. Зауэ нэужь илъэс хьэлъэхэм тохуэ къуажэдэс сабий нэхъ гурыхуэхэм ядэлажьэу, литературэ кружокыр иригъэкIуэкIыу щыщытар. Хьэгъундокъуэ Рэмэзан и усэхэр, хъыбархэр япэу дунейм къыщытехьар 1946 гъэращ. Ахэр традзэу щIадзащ «Черкес плъыжь» область газетым. 1955 гъэм Рэмэзан КъБР къэрал университетым щIы-хьэри щеджащ. 1957 гъэм щегъэжьауэ «Черкес пэж» газетым щылэжьащ. Илъэс 29-рэ газет лэжьыгъэм Рэмэзан хуигъэтIылъащ. Абы щыщу илъэс 22-кIэ газетым щэнхабзэмкIэ и къудамэм и редактору щытащ. 1970 гъэм Хьэгъундокъуэр Къэрэшей-Черкесым и журналистхэм я Зэгухьэныгъэм и секретару хахащ. 1974 гъэм Рэмэзан къыхуагъэфэщащ «Урысей Федерацэм и печатым щIыхь зиIэ» щIыхьыцIэр.

Журналист лэжьыгъэм къыдэкIуэу, Рэмэзан икIи прозаик, усакIуэ, драматург Iэзэт. Пьеси 10-м щIигъум и къэгъэщIакIуэщ ар. УрысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ тха усэхэр, рассказхэр, очеркхэр зэрыт сборники 4 къы-дигъэкIащ. Усэ куэд сабийхэм ухуиусащ икIи къытрыригъэдзащ. Хьэгъундокъуэм хэлъа хэкупсагъэр, лъэпкъыпсагъэр и тхыгъэ-хэм IупщIу къыщигъэлъэгъуащ. Ар урысыбзэми, адыгэбзэми хуэIэрыхуэт. И щIэныгъэкIэ, и зэфIэкIкIэ и лэжьэгъухэм жумарту ядэ-гуашэт. Псэ къабзагъэ, угъурлыгъэ, гъэсэныгъэ, акъыл жан, IэщIагъэлI нэхъуса… Апхуэдэ щытыкIэхэр Хьэгъундокъуэ Рэмэзан и гъащIэ псом къыдекIуэкIащ, абыхэм адрейхэм къахигъэщащ, — жиIащ Каракетовэ Лолитэ.

Хьэгъундокъуэ Рэмэзан и илъэс 90-м ехъулIэу 2016 гъэм библиотекэм къыдигъэкIа «Человек высокой чести» зи фIэщыгъэцIэ тхылъым пшыхьым къекIуэлIахэр Каракетовэ Лолитэ щигъэгъуэзащ. Тхылъым къыщыхьащ Рэмэзан зыдэлэжьахэм, и ныбжьэгъухэм, и бынхэм я гукъэкIыжхэр. Тхылъыр сурэт гъэщIэгъуэнхэмкIэ гъэнщIащ.

ГукъэкIыж гуапэхэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ усакIуэ, публицист, СССР-м и тхакIуэхэм я Зэгухьэны-гъэм хэт, КъЧР-м и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист АбытIэ Владимир. Пшыхьым хэтахэм яфIэгъэщIэгъуэн дыдэу едэIуащ АбытIэм и псалъэм, къуажэдэс щIалэ цIыкIу куэд зыдихьэхауэ зыхэта литературэ кружокым теухуауэ къахуиIуэтэжа хъыбархэм. Владимир къыхигъэщащ езыри апхуэдэ гупым зэрахэтар икIи адэкIи усэ тхыным, къалэмым нэхъри дихьэхыным Хьэгъундокъуэ Рэмэзан и щытхъу, тезыгъэгушхуэ псалъэхэр хуабжьу зэрыщхьэпар.

— Мыпхуэдэ пшыхьыр а цIыху угъурлым хуэфащэ дыдэщ. Тхьэм игъэпсэу ар зи жэрдэмхэри, Рэмэзан и фэплъыр зыхъумэу, зыIэту къекIуэлIахэри!—жиIащ АбытIэм.

И гъащIэ псор сабийхэр адыгэбзэм хуегъэджэным тезыухуа, КъЧР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, УФ-м и тхакIуэхэм я Зэгухьэны-гъэм хэт Шорэ Хьэсин и гукъэкIыжхэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ.

— Е 4-нэ классым сыхэсу Хьэгъундокъуэ Рэмэзан си класс унафэщIу щы-тащ, сригъэджащ. Адыгэбзэр джынымкIэ си жанагъым гу лъызыта егъэджаIуэм саугъэту тетрадитI къыщызитам, ар сэркIэ гушхуэныгъэу зэрыримыкъу щыIэтэкъым. Тетрадь, тхылъ жыхуэпIэхэр щыIэслъэс, къы-тпэщIэхуэ тхылъымпIэ кIапэлъапэм дытетхыхьу щыщыта а илъэс хьэлъэхэм тетрадитI уиIэныр къызэрымыкIуэ къулеягъэшхуэт. ЦIыхугъэшхуэ зыхэлъа, сабийм бгъэдыхьэкIэ, епсэлъэкIэ къыхуэзыгъуэтыфу щыта Рэмэзан игъащIэкIи си гум къинащ, — жиIащ Шорэ Хьэсин икIи апхуэдэ фэеплъ нэхум и щIыхькIэ зэхилъхьа усэм къеджащ.

Али-Бэрдыкъуэ къуажэм и Iэтащхьэ Иуан Руслан и гуапэу къыхигъэщащ Хьэгъундокъуэ лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм я къуажэгъухэр зэрыригушхуэр, а унагъуэцIэм хуэ-фэщэным Хьэгъундыкъуей къуажэжьыр сыт щыгъуи зэрыхуэпабгъэр.

Пшыхьыр гукъинэж, нэхъри гъэщIэгъуэн имыщIкIэ къэнакъым ар зыгъэхьэзы-ра, дахэу, къулейуэ езыгъэIуэкIа, Хьэбэз районым щэнхабзэмкIэ и Унэм и ме-тодкабинетым и унафэщI, КъЧР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мамхэгъ Зуридэ. Пшыхьым хэтахэм я гукъыдэжыр къаIэту я па-щхьэ зыкъыщагъэлъэгъуащ «Сэтэней» къэфакIуэ гупым, «Черкесия» цIыхубэ ансамблым, Тэмазэ Лидэрэ Токъу-бай Маринэрэ Хьэгъундокъуэ Рэмэзан и псалъэхэм макъамэ щIалъхьэжу къагъэщIа уэрэдищыр япэ дыдэу утыкум щыжызыIа «Шагъ-дий» уэрэджыIэ гупым, нэ-гъуэщIхэми. «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъы-щхьэ, усакIуэ, тхакIуэ Тхьэгъэпсэухэ Увжыкъуэ «Хьэгъундыкъуей» и усэм тращIыкIыу, а къуажэм и гимн хъуа уэрэдыр ТхьэкIума-шэхэ Русланрэ Расулрэ ягъэзэщIащ. Хьэгъундокъуэ Рэмэзан и къалэмым къыщIэкIа сабий усэхэр щызэхуэхьэса сборникым ит усэхэм гъэхуауэ къеджащ класс нэхъыщIэхэм щеджэ Хьэмыкъуэ Налмэс, Тхьэкъуахъуэ Руслан, Уэрзэлы Белэ, Мысрокъуэ Беслъэн, Пхъэш Дамир сымэ.

Хьэгъундокъуэ Рэмэзан и бын, сурэтыщI цIэрыIуэ Мухьэмэдрэ Черкесск къалэ мэрием узыншагъэр хъумэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Тамарэрэ Iуэху угъурлыр къезыхьэжьахэми, езы-гъэкIуэкIахэми, пшыхьым къекIуэлIахэми фIыщIэ псалъэ хужаIащ, апхуэдэ фэеплъыр я адэм зэрытрау-хуар езыхэмкIэ щIыхьу къызэралъытэри къыхагъэщащ.

Адыгэм, зы адыгэ къуажэжь зэрихабзэу, хэгъэрей-хэм хьэщIэхэм ерыскъы Iэнэ къыхуаIэтащ.

ТУАРШЫ Ирэ

Просмотров: 1414 | Добавил: Admin | Теги: Вечерпамяти., Рамазан, Али-Бердуковски, администрация, Хахандуков | Рейтинг: 0.0/0
Всего комментариев: 0
Имя *:
Email *:
Код *: