Решаем вместе
Не убран мусор, яма на дороге, не горит фонарь? Столкнулись с проблемой — сообщите о ней!
Приветствую Вас, Гость! Регистрация RSS

Али-Бердуковское сельское поселение

Воскресенье, 22.12.2024
Главная » 2017 » Июнь » 15 » ФэеплъкIэ и цIэр ираIуащ
10:31
ФэеплъкIэ и цIэр ираIуащ

ЗэрыжаIэщи, фэеплъыр зи Iэнэмэтыр псэуращ. Мы псалъэжьым и пэжагъым лъабжьэ езытыр нобэ псэу щIэблэм я блэкIар зэрагъэлъапIэращ. Лъэпкъым, къэралым, хэгъуэгум и лIыхъужьхэм, зи Хэкум хъумэным щIэзэуахэм, абы гуащIэкIэ хуэлъащэу, я зэчийрэ къару Iыхьэрэ хуэзыгъэфащэу дунейм тетахэм я фIыщIэр щIалэгъуалэм утыку щрахьэкIэ, ар зимыуасэ щыIэкъым. ТекIуэныгъэшхуэм – накъыгъэм (майм) и 9-м и фIыщIэкIэ къэралым фэеплъ Iуэхугъуэ куэд щекIуэкIащ.

Абыхэм ящыщщ Хьэгъундыкъуей (Али-Бэрдыкъуэ) къуажэм и е 1-нэ еджапIэм къыщаIэта фIыщIэ зэхыхьэри. Зи гъащIэрэ гуащIэрэ къызыщалъхуа Хэкум хуэзыгъэтIылъа КIыщокъуэ СулътIан Ибрэхьим и къуэм и фэеплъыр ягъэлъэпIащ, абы и цIэр фIыщIэкIэ здыщагъэлъапIэ пхъэбгъури еджапIэм щыфIалъхьащ.

Iуэхугъуэм къеблэгъащ къуажэм и мызакъуэу, районым къикIа хьэщIэ лъапIэхэр. Зауэмрэ гуащIэдэкIымрэ я ветеранхэм и Хьэбэз район зэхыхьэм къыбгъэдэкIыу, Хэку зауэшхуэм хэкIуэда я лъэпкъэгъум, офицеру зэхэуэ куэдым хэта щIалэм и цIэр фэеплъкIэ ираIуэну Хьэбэз районым и депутатхэм я зэхуэсым зыхуигъэзащ. Депутатхэр Iуэхум хэплъэри, игъуэу икIи фIыщIэ мыхьэнэ зиIэу къалъытащ. КIыщокъуэ СулътIан и лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ я саулыкъукIэ нагъыщэ куэд къызыхуагъэфэща зауэлIщ. Нагъыщэхэм я нэхъыщхьэщ Хэку зауэшхуэм и орденыр.

Хьэбэз районым и депутатхэм я советым и тхьэмадэ Хьэмыкъуэ Хьисэ я пашэу зэIущIэм къеблэгъащ СулътIан ипхъу Даур Фаризэт, Хьэгъундыкъуей къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэ Иуан Руслан, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, ныбжьыщIэхэр, къуажэдэсхэр.

- СулътIан и фэеплъыр здыщагъэлъапIэ пхъэбгъур еджапIэм фIэлъхьэн зэрыхуеймкIэ лъэIу тхылъкIэ зыкъыщытхуагъазэм, район депутатхэр Iуэхум хэплъэри, игъуэу къалъытащ. АбыкIэ дэ дгъэлъапIэр ди лъэпкъым, Хэкум, къэрал псом и фIыщIэщ, и пщIэщ, и цIэщ. Апхуэдэ цIыху къызэрымыгуэкIхэм я щапхъэщ ди щIэблэм я пащхьэ идгъэтыпхъэр,- игъэбелджылащ Хьэмыкъуэ Хьисэ.

Къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ къуажэм и Iэтащхьэ Иуан Руслан, еджапIэм и унафэщI Маху Руслан къывзэхуэсахэм къахуеджащ СулътIан и гъащIэм теухуа тхыгъэм. ЗэIущIэм къеблэгъа нэхъыжьыфIхэу Аслъэныкъуэ ЛИлэ, Маху БетIал, Даур Жэхьфэр сымэ я гупсысэхэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ. КIыщокъуэ СулътIани, нэгъуэщIу, зауэм хэкIуэдахэм я псэм лъэIэсын дыуэ къызэхуэсахэм яригъэщIащ къуажэм и ефэнды КIэщт Александр. Иужьым, СулътIан и пхъумрэ и пхъурылъхумрэ къызэIуахащ фэеплъ пхъэбгъур.

КъекIуэлIахэм фIыщIэ псалъэ яжриIащ Даур Фаризэт.

- Нобэ ди щхьэ вгъэлъэпIащи, лъапIэныгъэ фи унагъуэм кърихьэ. Ди адэхэм, адэжьхэм я лIыгъэр, хахуагъэр, фэеплъыр зымыгъэкIуэдыжын щIэблэ лъэпкъми, къуажэми, къэралми куэду къыдит. Тхьэм фIыщIэ къыфхуищI,- жиIащ Фаризэт.

 

БЕМЫРЗЭ Зураб

Просмотров: 1335 | Добавил: Admin | Теги: Ионов, сельское, поселение, Кешоков, администрация, Али-Бердуковский | Рейтинг: 5.0/1
Всего комментариев: 0
Имя *:
Email *:
Код *: