Решаем вместе
Не убран мусор, яма на дороге, не горит фонарь? Столкнулись с проблемой — сообщите о ней!
Приветствую Вас, Гость! Регистрация RSS

Али-Бердуковское сельское поселение

Пятница, 20.09.2024
Главная » 2017 » Июнь » 15

ЗэрыжаIэщи, фэеплъыр зи Iэнэмэтыр псэуращ. Мы псалъэжьым и пэжагъым лъабжьэ езытыр нобэ псэу щIэблэм я блэкIар зэрагъэлъапIэращ. Лъэпкъым, къэралым, хэгъуэгум и лIыхъужьхэм, зи Хэкум хъумэным щIэзэуахэм, абы гуащIэкIэ хуэлъащэу, я зэчийрэ къару Iыхьэрэ хуэзыгъэфащэу дунейм тетахэм я фIыщIэр щIалэгъуалэм утыку щрахьэкIэ, ар зимыуасэ щыIэкъым. ТекIуэныгъэшхуэм – накъыгъэм (майм) и 9-м и фIыщIэкIэ къэралым фэеплъ Iуэхугъуэ куэд щекIуэкIащ.

Абыхэм ящыщщ Хьэгъундыкъуей (Али-Бэрдыкъуэ) къуажэм и е 1-нэ еджапIэм къыщаIэта фIыщIэ зэхыхьэри. Зи гъащIэрэ гуащIэрэ къызыщалъхуа Хэкум хуэзы ... Читать дальше »

Просмотров: 1301 | Добавил: Admin | Дата: 15.06.2017 | Комментарии (0)

Хьэгъундыкъуей къуажэм щызэхэтащ Къандур саугъэтым и лауреат, Къэрэшей-Черкес Республикэм и цIыхубэ усакIуэ, республикэм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Бемырзэ Мухьэдин и цIэкIэ къызэрагъэпэща фэеплъ зэпеуэ. Абы хэтащ къуажэдэс щIалэгъуалэр, курыт еджапIэхэм щеджэ класс нэхъыжьхэм хэсхэр.

ЖыIэпхъэщи, мы зэпеуэр илъэс ещанэ хъуауэ къуажэм щокIуэкI. Мухьэдин иригъэджа щIалэгъуалэм я хьэрычэткIэ зэхаублауэ, усакIуэр къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу, къуажэ щIалэгъуалэм я спорт зэфIэкIхэмкIэ зэрызапщытэ. Мы илъэсми спорт утыкум щызэпэщIэтащ еджакIуэ ныбжьыщIэхэми, щIалэгъуалэми, курыт ныбжьым итхэми къабгъэд ... Читать дальше »

Просмотров: 841 | Добавил: Admin | Дата: 15.06.2017 | Комментарии (0)